Литературное чтение на кабардино- черкесском языке (родном)3 кл

1

I. Нэхъыщхьэу ягъуэтын хуей щ1эныгъэхэмрэ есэныгъэхэмрэ
Еджак1уэм езым еджэныгъэм хуи1э щытык1эр (личностнэ)
- еджак1уэм и бзэр ищ1эн;
- адыгэбзэм и ф1агъыр зэхищ1эн, пщ1э хуищ1ын къыдалъхуа и бзэм, абы
ирипагэу и бзэр иригъэф1эк1уэн;
-щыпсалъэк1э псалъэщ1э зэригъэщ1ахэр къигъэсэбэпурэ и гупсысэм
зригъэужьын ;
Еджэныгъэм хуи1э щытык1эр, зыхуигъэувыж
къызэрыгуры1уэр, езым и еплъык1эр (метапредметнэ)

къалэныр,

ар

- и щ1эныгъэр, и зэф1эк1ыр къипщытэжыфу; зыщымыгъуазэр, абы и
щхьэусыгъуэр , щ1эныгъэ зримыгъэгъуэту къэнам зыхуиша гугъуехьыр
къихутэжыфрэ, абы и хэк1ып1эр къигъуэтыжыфу есэн;
- еджак1уэхэм ягъэзащ1э лэжьыгъэм, яджым теухуа упщ1эхэр езыхэм
зыхуагъэувыжыфыныр е я ныбжьэгъухэм иратыфын;
- еджак1уэхэр зы щапхъэм тетуи, а щапхъэм къыщхьэщык1ыу езыхэм я
бгъэдыхьэк1э я1эжуи лэжьэн;
егъэджак1уэм къахуигъэлъэгъуа пщалъэхэм тету я щ1эныгъэр
къапщытэжыфын;
- еджак1уэхэм езыхэм ягъэувыж упщ1эхэмк1э я гупсысэхэр къа1уэтэжын, я
зэф1эк1ыр къагъэлъэгъуэжыфын;
яджым
теухуа
материалхэр
пособие
зэмыл1эужьыгъуэхэм
къыщагъуэтыфын;
- и еджэныгъэр езым къызэригъэпэщыжыфын, къыпэщыт къалэнхэр
иубзыхужыфын;
- я бзэм зиужьу, я гупсысэр к1эщ1у, тэмэму гъэпсауэ къа1уэтэфын;
- нэгъуэщ1ым и псалъэм гупсэхуу щ1эдэ1уфу, жа1амк1э мыарэзымэ,
тэмэму я гупсысэр абы падзыжыфу щытын;
-игъуэта
щ1эныгъэхэмрэ
есэныгъэхэмрэ
иджырей
зэманым
къыщигъэсэбэпыфын.
Ящ1апхъэр, яхузэф1эк1ыпхъэр (предметнэ)
- къызэджэ художественнэ тхыгъэр зэхащ1ык1ыу, тэмэму, гъэхуауэ,
зыхащ1эу, ирижэу, псалъэхэр къанэ щ1агъуэ щымы1эу зэрыпсэууэ кърахыу
къеджэн;
- я мынэ1уасэ тхыгъэм зы дакъикъэм псалъэ 75 - 80 кърахыфыныр и
хуабжьагъыу къеджэн;
- текстым къи1уатэ 1уэхугъуэхэр зэрызэк1элъык1уэр, ахэр зэрызэпхамрэ
зэрызэхущытымрэ къахутэфын ик1и къагуры1уэн;
- тхыгъэм теухуа упщ1эхэм ират жэуапхэр зэрыпэжым щыхьэт техъуэ
1ыхьэ къыхаубыдык1ыурэ къеджэфын;
- тхыгъэ псом зэрыщыту къи1уатэ мыхьэнэ нэхъыщхьэр къахутэфын;
2

- къызэджар къызэра1уэтэжын план ягъэувыфын ик1и а планым тету
гъэк1эщ1ауэ къа1уэтэжыфын;
- тхыгъэм псалъэк1э сурэт хуащ1ын;
- езыхэр зыхэт еджак1уэ коллективым и гъащ1эм сабийхэм теухуауэ хъыбар
зэхалъхьэфын;
- персонажхэм, абыхэм я 1уэхущ1афэхэр, щхьэусыгъуэхэр, природэм и
теплъэхэр зыхуэдэр къигъэлъэгъуэн щхьэк1э тхак1уэм тхыгъэм къыщигъэсэбэп
псалъэ щхьэхуэхэр, псалъэ шэрыуэхэр езыхэм тхыгъэм къыхагъуэтэфын;
- персонажхэм ящ1эхэр, абыхэм я щытык1эхэр къызыхэк1ыр, я
зыхэщ1эхэмрэ я гупсысэхэмрэ къагуры1уэн, зэралъытыфын;
- я жьэры1уатэбзэр ирагъэф1эк1уэн, псалъэхэр литературэбзэм
къызэрыщык1уэм хуэдэу жа1эным хуэк1уэн;
- художественнэ тхыгъэхэм ябгъэдэлъ щытык1э щхьэхуэхэм практикэм
ипкъ итк1э гу лъатэн: псысэм (телъыджэ, фантастикэ зэрыхэлъым), басням
(персонажу хэтхэр, къыбгурагъа1уэ мыхьэнэр зыхуэдэр – аллегорие, ущие,
мораль), усэм (зэщ1эжьыуэ, рифмэ, хэкъузэныгъэ зэхуэдэхэр – ритмэр,
щ1эрэщ1агъэр, метафорхэр)

3

II. Программэм къызэщ1иубыдэр
Программэм къызэщ1еубыдэ мыпхуэдэ разделхэмрэ темэхэмрэ.
Адыгэ лъэпкъыр, ди щ1ыналъэр зыгъэлъап1э, ф1ыуэ езыгъэлъагъу
художественнэ тхыгъэхэр: усэхэр (уэрэдхэр), рассказхэр, хъыбархэр.
1уэры1уатэ. Адыгэ 1уэры1уатэм и л1эужьыгъуэ щхьэхуэхэм щыгъуазэ
щ1ын: псысэхэм, къуажэхьхэм, нэщэнэхэм, уэрэдхэм, псынщ1эрыпсалъэхэм,
псалъэжьхэм.
Дыкъэзыухъуреихь дунейр. Дыкъэзыухъуреихь дунейм и дахагъым, и
гъэщ1эгъуэнагъым, абы худи1эн хуей щытык1эм теухуа усэхэмрэ рассказхэмрэ.
Бжьыхьэ. Бжьыхьэм и зэман зэмыл1эужьыгъуэхэм, ц1ыхухэмрэ
псэущхьэхэмрэ я гъащ1эм, бжьыхьэ лэжьыгъэхэм теухуа тхыгъэхэр.
Сабийхэм я хьэл-щэныр. Ц1ык1ухэм я хьэл-щэн дахэм, зэныбжьэгъугъэ
нэсым, нэгъуэщ1 хьэл-щэныф1хэми теухуа тхыгъэхэр.
Щ1ымахуэ. Щ1ымахуэ зэманым мэзым, губгъуэм, псыежэххэм, жыгхэм я1э
щытык1эр; балигъхэмрэ сабийхэмрэ я гъащ1эр, 1уэхущ1афэ нэхъыщхьэхэр;
псэущхьэхэм, хьэпщхупщхэм, къэк1ыгъэхэм щ1ымахуэр зэрырахыр
къыщыгъэлъэгъуа тхыгъэхэр.
Лэжьыгъэм ц1ыхур егъэлъап1э. Ц1ыхухэм я лэжьыгъэ
зэмыл1эужьыгъуэхэм, 1эщ1агъэ щхьэхуэхэм, ц1ыху псоми я фейдэ зыхэлъ
лэжьыгъэ гуэр блэжьыныр зэрыгуф1эгъуэм, зэрынасыпым теухуа тхыгъэ
зэмыл1эужьыгъуэхэр.
Дунейм и щ1эрэщ1эгъуэ. Гъатхэм псэущхьэхэмрэ накъыгъэхэмрэ, гъатхэ
лэжьыгъэхэм, балигъэхэм я 1уэхущ1афэхэм, сабийхэм я гъатхэ джэгук1эхэм,
нэгъуэщ1 1уэхугъуэ щхьэхуэхэми тепсэлъыхь тхыгъэхэр.
Хэкур хъумэныр къалэн лъап1эщ. Хэку зауэшхуэм и зэманым ди
зауэл1хэм зауэ 1энат1эм щагъэзэщ1а 1уэхугъуэхэм, Тек1уэныгъэм и махуэм,
ц1ыхухэм езыхэр фашист зэрыпхъуак1уэхэм къа1эщ1эзыха ди зауэл1хэм хуащ1
ф1ыщ1эм теухуа тхыгъэхэр.

4

Гъэмахуэ. Гъэмахуэм дунейм и теплъэм, ц1ыхухэм гъэмахуэм ягъэзащ1э
лэжьыгъэхэмрэ я псэук1эмрэ, еджак1уэхэм я зыгъэпсэхугъуэ зэманыр
зэрагъак1уэм, балигъхэм зэрадэ1эпыкъум теухуа тхыгъэхэр.

5

III. Календарнэ-тематическэ план
№
п/п
1
2
3
4
5
6
7
8

Темэр

с/б

Махуэр
план
факт

1

06.09

1

13.09

1
1

20.09
27.09

1
1

04.10
11.10

1
1

18.10
25.10

Хьэх С. «Бжьыхьэ»
1
Журт Б. «Гуэлым»
1
Хьэнфэн А.«Дадэрэ жыг хадэмрэ»
1
Сонэ А. «Бжьыхьэ»
1
Сабийхэм я хьэл-щэныр (4)
Ацкъан Р. «Боцэ»
1
Гъубжокъуэ Л. «Ямыц1ыху щ1алэ ц1ык1у»
1
Налшык М. «Быцэ»
1
Шыбзыхъуэ М. «Гузэвэгъуэ» Гъубжокъуэ Л.
1
«Пц1ащхъуэ»
Щ1ымахуэ (4)
Щоджэнц1ык1у 1. «Махуэгъэпс и деж» Елгъэр К.
1
«Илъэсыщ1э»
Тхьэмокъуэ Б. «Бзу» Шыбзыхъуэ М. «К1эху»
1
Иуан Б. «Щ1ымахуэр-мэзым»
1
Классщ1ыб еджэныгъэ «Щ1ымахуэ»
1
Лэжьыгъэм ц1ыхур егъэлъап1э (5)
«1уэху ц1ык1у щы1экъым, л1ы ц1ык1у ф1эк1а»
1
(хъыбар) «П1астэр къыздик1ри к1эрт1офыр
щ1агъэк1ри пщыгъупщэжынкъым!» (таурыхъ)
«Дыщэ сом» (таурыхъ) Мэзыхьэ Б. «Уэт л1ы!»
1

08.11
15.11
22.11
29.11

Хэку, щ1ыналъэ (1)
Къагъырмэс Б. «Сабий уэрэд» «Ди щ1ыналъэр»
1уэры1уатэ (3)
Псысэхэр. Псалъэжьхэр. Къуажэхьхэр.
Псынщ1эрыпсалъэхэр
«Насып» (таурыхъ) «Шыкъумц1ий» (псысэ)
К1ыщокъуэ А. «Бажэ пшынэ»
Дыкъэзыухъуреихь дунейр (4)
Шорэ А. «Папэ и жыг» Шыбзыхъуэ М. «Мэзым»
Къагъырмэс Б. «Ди мэзым» Шыбзыхъуэ М. «Анэ
бгъафэ»
Щоджэнц1ык1у А.«К1ущэ нагъуэ»
Классщ1ыб еджэныгъэ. « Дыкъэзыухъуреихь
дунейр»
Бжьыхьэ (4)

9
10
11
12
13
14
15
16

17
18
19
20
21

22

6

06.12
13.12
20.12
27.12

10.01
17.01
24.01
31.01
07.02

14.02

23
24
25
26
27
28
29
30
31
32
33
34
35
36

Дэбагъуэ М.«Пхъащ1э ц1ык1у» Аф1эунэ Л. «Адыгэ 1
цей»
К1эмыргуей Т. «Лэжьыгъэ урок» Сонэ А.
1
«Шагъдий».
Классщ1ыб еджэныгъэ «Къалэмрэ къуажэмрэ»
1
Дунейм и щ1эрэщ1эгъуэ (4)
Тхьэмокъуэ Б. «Щ1ымахуэк1э» Къуныжь Хь.
1
«Март мазэ»
Мэз А. «Мыщэ жейнэд» Елгъэр К. «Тыгъэ лъап1э» 1
Щоджэнц1ык1у А. «Гъатхэ» К1эщт М. «Бжэндэхъу 1
анэ»
Хьэкъун И. «Гъатхэ махуэ» Ацкъан Р. «Пшэхэр»
1
Хэкур хъумэныр къалэн лъап1эщ (3)
Майм и 9-р тек1уэныгъэм и махуэшхуэщ
1
творческэ проектнэ лэжьыгъэм щелэжь урок
Бицу А. «Лъахэр я фэеплъщ» Кхъуэ1уфэ Хь.
1
«Лётчик хахуэ
Елгъэр К. «Тек1уэныгъэм и махуэшхуэ»
1
Гъэмахуэ (4)
Хьэнфэн А. «Мэз хъыбар». Тхьэмокъуэ Б.«Хьэрун
1
дадэрэ Т1алэ ц1ык1урэ»
Пщыхьэщ1э А. «Азэмэт-шахматист»
1
Хьэх С.«Къалэм къик1а щ1алэ ц1ык1у» Гугъуэт
1
М.«Дыгъэр сурэтыщ1щ»
Тхьэмокъуэ Б.«Удз гъэгъахэр»

7

21.02
28.02
06.03
13.03
20.03
27.03
03.04
10.04
17.04
24.04
08.05
15.05
22.05
29.05


Наверх
На сайте используются файлы cookie. Продолжая использование сайта, вы соглашаетесь на обработку своих персональных данных. Подробности об обработке ваших данных — в политике конфиденциальности.

Функционал «Мастер заполнения» недоступен с мобильных устройств.
Пожалуйста, воспользуйтесь персональным компьютером для редактирования информации в «Мастере заполнения».